ТХЫЛЪЫР ДИ НЫБЖЬЭГЪУ ПЭЖЩ. АДЫГЭ IУЭРЫIУАТЭ

Тхылъым ди гъащIэм щиIэ мыхьэнэр. Адыгэ псысэхэм щыщу: «Бажэ хеящIэ», «Къэблэжьар лъапIэщ», «Иныжьым и къан» псысэхэр зытеухуар, абы я гупсысэ нэхъыщхьэр.

Урыс тхакIуэшхуэ Горький Алексей жиIауэ щытащ: «Тхылъыр фIыуэ флъагъу, абы гъащIэр нэхъ тынш къыфщищIынщ, гупсысэ, къэхъукъащIэ зэхэзэрыхьахэр зэхэубзыхукIынымкIэ ар дэIэпыкъуэгъуфI къыфхуэхъунщ

I. ЩоджэнцIыкIу Нурий и усэм къеджэ. УсакIуэм щIэныгъэ зиIэм и насыпу къыщIилъытэр жыIэ
ЩIЭНЫГЪЭ
(гъэкIэщIауэ)
Мыулъийщ щIэныгъэр,
ЗиIэм и насыпщ.
МыуфIынкI уэздыгъэщ,
Ямыгуэш хьэпшыпщ.

ХЭТ НЭХЪ КЪЭЩIЭРЕЙ

Шакъалъэ лъащIэр
И псыфапIэщ.
Ди тетрадь напэр
И зекIуапIэщ.
ЩIэныгъэм, цIыкIухэ,
ПэмыIэщIэм,
IэпищкIэ ар егъэжыIэщIэ.
ПамцIабзэщ мастэу
Ар езыр,
Ар къафщIи
СыфщIыт
Арэзы!

Джэдгъэф Хъусен и къуажэхь-усэм едаIуи жэуапыр сурэтхэм къыщыгъуэт

Хьэту Петр и «IуэрыIуатэ IэшрыI» усэм къеджэ

  1. Дапщэщ къежьауэ пIэрэ IуэрыIуатэр?
  2. Сыт хуэдэ лIэужьыгъуэхэр хыхьэрэ IуэрыIуатэм?

Хьэту Петр
IУЭРЫIУАТЭ IЭШЫРЫI

Пасэ-пасэ-пасэрейм,
Къыщхьэдэхри ди сэрейм,
Iуэры-Iуэры-IуэрыIуатэр,
КъэтIысауэ къысхуеIуатэ…

Сэ пщIыхьэпIэу ар слъэгъуа,
Е ди дадэ жиIэжа,
Е ЩIэныкъэ къалэм сыкIуэу
Дыщэ тхылъым къизджыкIа?..

Сытми, тIэкIу сщыгъупщэжати,
IэшрыIыу зэхэспщащ,
ЖысIэжыну сыхуежьати,
КIуркIунаур дыхьэшхащ…

Сэ дэщIызгъужари хэлъу
ЖызоIэжри жызоIэж…
КIуркIунаури зэрылъэлъу
Мэдыхьэшхри мэдыхьэшх…

Пэжыр къыхэх.

БАЖЭ ХЕЯЩIЭ

КЪЭБЛЭЖЬАР ЛЪАПIЭЩ

«ИНЫЖЬЫМ И КЪАН»

Начните вводить текст и нажмите Enter для поиска