АДЫГЭ ЛИТЕРАТУРЭ

Къэбэрдей –Шэрджэс тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я къалэмыпэм къыщIэкIа художественнэ тхыгъэхэр

ЦАГЪУЭ НУРИЙ

«УЭСЫР СЫТЫМ КЪЫХЭКIРЭ»

Пэжыр къыхэх

ЩоджэнцIыкIу Алий

«Бжьыхьэ»

Щоджэн Хьэбас

Щоджэн Хьэбас и «Бжьыхьэ нэщэнэхэм» усэм къеджэ

БЖЬЫХЬЭ НЭЩЭНЭХЭР
Бжьыхьэм бэвыр хуэмыIэт
Iэтэ инхэм зыкъаIэт.
Кхъужь нэкIу плъыжьхэр жыгым пызщ,
Зэр плъыжьыбзэу зэщIэнащ.
Бзур пIейтейуэ къигъэнащ.

Ребусыр щIыжи псалъэжьым къеджэ

Щоджэнц1ык1у Алий

«Гъатхэ»

Уэхъутэ Абдулыхь «Дудакъ»

Пэжыр къыхэх

АбытIэ Владимир

МАМЫРЫГЪЭР ТЕКIУЭНЫГЪЭЩ

Мурадыр:
• мамырыгъэр гъащIэм и лъабжьэу зэрыщытыр зыхегъэщIэныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэныр
• усэр зэпкърыхыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• усэр джыным хэлъыну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэмрэ ахэр гъэзэщIа зэрыхъуну щIыкIэхэмрэ.
Дэ зедгъэсэнущ:
• усэм хэт псалъэхэр, псалъэ зэпхахэр къэдгъэсэбэпурэ теплъэгъуэхэр ди нэгу къыщIэдгъэувэфу.


Нало Заур «ПцIащхъуэ»

Мурадыр:
• Псэущхьэхэм хуаIэ гуапагъэр нэхъ куу хъунымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэныр;
• усакIуэр а къуалэбзу цIыкIум зэрыхущытыр къагурыгъэIуэныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• усакIуэм пцIащхъуэ цIыкIум кърит гукъыдэжыр зыхуэдэм.
• усакIуэр а къуалэбзум зэрыдэуэршэрым.
Дэ къэтщIэнущ:
• ПцIащхъуэм теухуа усэр зэрынэщхъыфIэр;
• Усэр гурыхь зыщI псалъэхэр, псалъэ зэпхахэр;
• Къуалэбзум дэIэпыкъун зэрыхуейм усакIуэм дыкъызэрыхуриджэм.
Дэ зедгъэсэнущ:
Усэбзэр шэрыуэ щIэщыгъуэ зыщI художественнэ изобразительнэ Iэмалхэр къыхэдгъуэтэфу.

КIэ псалъэм и мыхьэнэ зэхуэмыдэхэр къэхутэ.

Усэ сатырхэр зэкIэлъыхьыж.
ПцIащхъуэ, пцIащхъуэ,
ПцIащхъуэ кIэ дыкъуакъуэ,
Ныджэм дыщыгъэджэгу,
Губгъуэр къэдгъэлъэтыхь.
Бгыкъум дыздегъалъэ,
Тхылъым дыздегъаджэ,
Ди унэ укъыщIэсшэнщ,
Ди анэшми уздэсшэнщ.
Псыхьэ дызэдэгъакIуэ,
ДыкъэкIужмэ узгъэшхэнщ,
Уи шырхэм яшхыни уэстынщ.

НАЛО ЗАУР «ЩIЫМАХУЭ»

Мурадыр:
• щIымахуэм и нэщэнэхэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм щIымахуэм зэхъуэкIыныгъэу хилъхьахэм щыгъэгъуэзэныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэныр;
• усэ зэпкърыхыкIэм зегъэужьыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• усакIуэм щIымахуэ къэкIуам кърит гукъыдэжыр зыхуэдэм.
• щIымахуэм и нэщэнэхэр усакIуэм Iэзэу, удихьэхыу къызэригъэлъагъуэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• щIымахуэм теухуа усэр зэрынэщхъыфIэр;
• усэр гурыхь зыщI псалъэхэр, псалъэ зэпхахэр;
Дэ зедгъэсэнущ:
Усэбзэр шэрыуэ щIэщыгъуэ зыщI художественнэ изобразительнэ Iэмалхэр къыхэдгъуэтэфу.

КIУАЩ БЕТIАЛ
«СИ ГЪУСЭЩ»

ТХЬЭМОКЪУЭ БАРЭСБИЙ
«ЗЭРЫДЖЭ IЭРАМЭ»

Пэжыр къыхэх

БОЗИЙ ЛУДИН

ЛОНЭ И ЗЫ МАХУЭ

Пэжыр къыхэх

КЪЭРМОКЪУЭ МУХЬЭМЭД
«ЗЭМАН ХЬЭЛЪЭМ»

ЖЫЛЭТЕЖ СЭЛЭДИН «НАРТ И НЫБЖЬЭГЪУХЭР»

Къуажэхьым едаIуи жэуапыр къащIэ. Нарт и шынэхъыжьым мэзым къыхуриха псэущхьэр сурэтхэм къыщыгъуэт

Пэжыр къыхэх

 Шорэ Ахьмэд « Цыжьбанэ» усэм къеджэ

ЦЫЖЬБАНЭ
Унэ щIыбымкIэ
СыкIуауэ
Цы хъурей гуэрым
СыIууащ.
«Дэнэ мыр
КъикIа? Дыгъуасэ
Зы щылъакъыми»,
ЖысIащ.
Зыхуэсхьынур
СымыцIыхуу
Зезгъэзыхри
СеIэбащ.
ЗэхиуIэ
Пэтащ си Iэр-

Ар цыжьбанэу къыщIэкIащ.

ЩОМАХУЭ АМЫРХЪАН «ЗЭРАНШУ»

Хьэгъундокъуэ Рэмэзан и «Мэжид щIалэ жанщ»усэм къеджэ

МЭЖИД ЩIАЛЭ ЖАНЩ
Нанэ жэм къишыну,
Жьы дыдэу къотэдж,
Мэжиди къоушыр,
Есащи, мыщхьэх.
Нанэ кIэлъыщIокIри
Жэмыр кърегъэш,
ШкIэр щIэфын зэфIокIри
Жэмым ар къыщIеч.
ЕдэхащIэу жэмыр
Мэжид хъушэм еху.
Плъагъункъым зэгуэрми,
Ар къыщыкIэрыху.
ЩIалэ жанщ ар, хъупхъэщ,
Нанэ егъэтынш,
Къытезыхым щапхъэ,
ФIыгъуэ игъуэтынщ.

Щомахуэ Амырхъан и «Зэраншу» усэм къыхэщ щIалэ цIыкIумрэ Хьэгъудокъуэ Рэмэзан и « Мэжид щIалэ жанщ» усэм къыхэщ щIалэ цIыкIумрэ зэщхьу пIэрэ?

Пэжыр къыхэх

ТХЬЭГЪЭЗИТ ЗУБЕР

ТХЬЭГЪЭЗИТ ЗУБЕР
«ГУАПАГЪЭ»

БАКIУУ МАРИЕ
«ЩIАКХЪУЭ»

Дызэджам къытыдогъэзэж

ПЩIЭНУ ЩХЬЭПЭЩ!

ЩIакхъуэр нэхъ шхыныгъуэфIхэм ящыщщ. Ар гуэдзым (пшеница), нартыхум (кукуруза), хьэпцIийм (рожь), хьэм (ячмень) къыхащIыкI.

ЩIакхъуэм и хъыбар фщIэуэ пIэрэ? ЯпэщIыкIэ цIыхум гуэдз къигъэкIыу зригъэсащ. АрщхьэкIэ гуэдз жылэхэр апхуэдизкIэ быдэти, пхуэшхтэкъым. ЦIыхум, абы псы хикIэурэ, щабэ хъуху игъавэу къиублащ. Ар хьэгулывэ (каша) хъурт. Зэгуэрым Iуву ягъэва хьэгулывэр икIутри, мывэ пщтырым щытехуэм, IэфIу жьащ. Абы лъандэрэ цIыхум хупцIынэ ипщурэ игъажьэ хъуащ, ар зэрынэхъ IэфIыр къыгурыIуауэ.

ГЪЭУНЭ БОРИС
«УЭ КЪЭКIУЭЖ ЗАКЪУЭ, ПАПЭ!»

Пэжыр къыхэх

Сурэтхэр къэбгъэсэбэпурэ псалъэухахэр зыхуэныкъуэ псалъэхэр тэмэму хэгъэувэж

ИщхьэкIэ къыщыхьа псалъэхэр хэту псалъэуха зэхэлъхьэ

ГЪУБЖОКЪУЭ ЛИУАН
«БЖЬЭ КЪЭПЩIАХЭР

Пэжыр къыхэх

Сурэтхэм я пIэкIэ псалъэхэр хэбгъэувэжурэ псалъэжьым къеджэ

БЕЩТОКЪУЭ ХЬЭБАС
«АДЭЖЬ ЩIЫНАЛЪЭ»

КIУАНТIЭ IЭЗИД
«ДЖЭРПЭДЖЭЖ»

Текстым зи гугъу щищI дунейм и щытыкIэр сурэтым къыщылъыхъуэ

Бжьыхьэр къихьа пэтми, жыгхэр иджыри пцIанэ хъуатэкъым. Дэнэ лъэныкъуэкIэ уплъэми, пщIащэ гъуэжь-плъыжьыфэхэр къыщыпщIыпщIырт. ИхъуреягъкIэ зы Iэуэлъауи щыIэтэкъым – мы, кхъужь, мышхумпIэ хъуа зырызхэр къыпыхуу щIым къызэрытехуэм я макъым инэмыщIа.

Псалъэхэр къэбгъэсэбэпурэ сурэтым хуэкIуэ псалъэуха зэхэлъхьэ

Ребусыр къащIэ

ДЖЭДГЪЭФ БОРИС
«СИ АНЭБЗЭ, СИ АДЫГЭБЗЭ»

КЪАГЪЫРМЭС БОРИС
«ХЬЭДЗЫГЪУАНЭМРЭ БЖЬЭМРЭ»

Зи къэпсэлъыкIэрэ зи тхыкIэрэ зэщхь псалъэхэм я мыхьэнэм кIэлъыплъ.

Партэм сыщыдэскIэ си бгыр захуэу сIыгъщ. Жыжьэу къыщыт бгыр лъагэу къыщIэкIащ

Сурэтым и мыхьэнэр къыщезэгъ псалъэухар къэхутэ. А псалъэухам техуэ бжыгъэр зэпэплIимэм итхэ

ПщIэну гъэщIэгъуэнщ!
Бжьэхэм нитху яIэми, плъыжьыр къахуэлъагъуркъым – ар фIыцIэу къащохъу. Бжьэхэм нэхъ яфIэфIщ щIыхур, удзыфэр, гъуэжьыр.
Нур журнал

«УКЪЫЗЭРЫНЭЖЫНУ ЗЫЩI»

Начните вводить текст и нажмите Enter для поиска